День черкесского костюма

8 октября 2015 года в нашей школе состоялось открытое  мероприятие, посвященное Дню черкесского костюма, с приглашением диктора ГТРК КБР Виндижевой М.  Мероприятие имеет огромное значение для развития коммуникативных навыков учащихся, познавательного интереса, формирования толерантного поведения посредством приобщения детей и подростков к историческому и культурному наследию.
В подготовке мероприятия приняли участие учителя кабардинского языка и литературы и начальных классов: Маршенкулова А. М., Кагермазова А.Ф., Накова М.А., Хаупшева З.Т., Фасхутдинова Р. А.- учитель музыки.

Сценарий открытого мероприятия посвященное Дню черкесского костюма. Разработка учителя кабардинского языка и литературы Маршенкуловой Асият Муаедовны.

Адыгэ фащэм и махуэр

 

1 1ыхьэ

Тезадов А. и Нибежева А.

Адыгэ лъэпкъым хуэгъэза хъуэхъу


Астемир

Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,

Уафэгъуагъуэм дыкъимыгъаскIэу,

КъаскIэхэр ди бийхэр арауэ,

Арианна

ХъуаскIэхэр ди жьэгу мафIэм къыдидзу,

Дыгъэ къуэпсым и нурыр къытхидзу,

Пшэхэр ди къуэш пэлъытэу,

Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,

Астемир

Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

Жагъуэгъухэм ягу щагъафIхэр ткъутэу,

Езыхэм ди щхьэц налъэ яхуэмыкъутэу,

Ди къуэшхэм щынэлыр ядэткъутэу,

Арианна

Ди пщащэхэм закъутэрэ загъафIэу,

 

Гупсысэ IэфIхэр гухэм щыдгъафIэрэ

Къытпэщылъ Iуэхухэр щIыкIафIэу,

Астемир

Гъуэгу къытпэщылъыр къызэнэкIыгъуафIэу,

Нартхэ я лъэужьыр хэмыгъуащэу,

Гъуащэхэр нэ къыдэзыщэхэр арауэ,

Ди унэ гуащэхэр Iущабэу

Арианна

Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,

Зыддзымэ дымыщэ пIащэу,

Ди пщащэхэр къытхуэгумащIэу,

Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,

Астемир

Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,

ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,

Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,

Ди псы уэрхэр IуедмыгъащIэу,

Арианна

Ди псыхъуэжь кIуэцIхэр къабзащэу

Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,

Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

АдыгэщIхэм дыщытепщэу,

Астемир

Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,

Ди псыхэр мыутхъуэрэ,

Псынэпсхэр бжыгъэншэу къыщIэжу,

Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,

Арианна

Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,

Сабийхэр къуэпс бжыгъэншэу къыткъуэжу,

Сыт тхузэфIэмыкIами зытщIэжу,

Iуэху зэпыдгъэуахэм тхупыщэжу,

 

Астемир

Ди напэхэр мылъку щхьэкIэ дымыщэжу,

Тщыгъупщэжар къытхуэщIэжу,

Гъавэр хадэхэм щыгъунэжу,

Къуэпс ныкъуэфхэр пыдгъэжу

Арианна

Зэпыча псор тхузэпыдэжу,

ЩхьэгъэпцIэныр дымыдэжу,

Ддэр цIыхугъэрэ напэу,

Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,

 

Астемир

ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

Щхъужь къыдатхэр тфIэфоматэу,

Зыми зедмыгъэщхьрэ

Псоми зыкъыдагъэщхьыу,

Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,

Т1уми

ДыгуфIэгурэ дыгушхуэу,

Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу. (3 мин)

2-нэ 1ыхьэ

 

Адыгэ къафэ (Уэркъ къафэ)

Зыгъэзащ1эр Бышэн А., Абазэ А.

 

3-нэ 1ыхьэ

Урысбэмбэт К

 

Лъэпкъ фащэм и дунейпсо махуэр республикэм зэ­рыщагъэлъэпIэнур зыубзыхуну къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ фокIадэм и 18-м 2012 Дуней­псо Адыгэ Хасэм и IуэхущIа­пIэ нэхъыщхьэм щекIуэ­кIащ.  Фигу къэдгъэ­кIы­жынщи, лъэпкъ фащэм и махуэр адыгэ псоми зэдагъэлъэ­пIэн зэрыхуейр япэу къы­хэ­зылъ­хьар­ КъБР-м ЩIа­лэгъуалэм я IуэхухэмкIэ ­министру щыта Хъы­жьрокъуэ СулътIанщ. ДАХ-м и хасащхьэм хэтхэм абы и жэр- дэмыр даIы­гъащ икIи          ма­­­хуэшхуэр фо­кIадэм и          28-м траухуащ.

 

Шыхъуэстэн И.

 

«Адыгэ фащэм и махуэр» къэбэрдей щIалэгъуалэм я лъэIукIэ ди республикэм утыку къыщизыхьа, КъБР-м щIа­лэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министру щыта Хъыжьрокъуэ СулътIан и плъапIэхэмкIэ къыддэгуэшащ:» Ди лъэпкъ фащэм тхыдэшхуэ иIэщ, дуней псом щыцIэрыIуэщ. ЖыпIэ хъунущ ар ди щэнхабзэ хъугъуэфIы­гъуэхэм ящыщ зыуэ. Абы къы­хэкIкIи, хуэфащэ пщIэ лъыд­гъэсын хуейщ. Псом хуэ­мыдэу, щIалэгъуалэм деж абы и мыхьэнэр нэтхьэсыфмэ, ди зэхуэдэ къулеи­гъэщ. – жиIащ СулътIан. – Махуэшхуэр дахэу екIуэкIынымкIэ щIалэгъуалэр зэрыхуэпам куэд елъытауэ къысщохъу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къезэгъыркъым спортым зэрыхэт щыгъыныгъуэхэмкIэ а гу­фIэгъуэ махуэм зыкърагъэ­хьэ­лIэну. Абыи кIэлъыплъын хуейщ. Мыдрейуэ, творческэ гуп хъарзынэхэр диIэщ, фа­щэм теухуауэ фильми щы­Iэщ, ахэри нэгъуэщI куэди лэ­жьыгъэм къыхэдгъэхьэ хъунущ.

Урысбэмбэт К

 

Иджыпсту еханэ классым и еджак1уэхэу Бышэн Арианнэрэ Тезадэ Алинэрэ я проектнэ лэжьыгъэм щыгъуазэ ф1ащ1ынущ

  • Проектнэ лэжьыгъэр (Бышэн А.,Тезадэ А.)
  • Усэм къеджэр Тезадэ Алинэщ
  • Адыгэ фащэ.
  • Си лъэпкъ адыгэу
  • Л1ыгъэр зыдалъагъум
  • Лъэпкъ куэд къехъуапсэу
  • Щит1эгъэфырт фащэ:
  • И цей 1эщхьэхъум
  • Дыжьынхэр, щынэдзэу,
  • Къыхэплът,
  • Бгырыпхым щ1эпхат дыжьын къами.
  • А псори
  • Зигу ирихьхэм къащтащ фащэу.
  • Джэгу ирихохьэ,
  • Ирихэтщ махуэшхуэм…
  • А фащэм хэт къехъуэпсами
  • Солъэ1ур:
  • Нэмысыр, л1ыгъэр телъхьэу щ1ыгъущи,
  • Къафщтэ!

Шыхъуэстэн И

Дривгъэплъэжыт зэ «черкеска» цIэ дахэм щIэту блэкIа лIэщIыгъуэ зытхухым дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа щыгъыным и тхыдэм.

Цейм теухуа хъыбархэр Грозный Иван и пщIантIэм хэгъэрей щыхъуа адыгэхэм я деж къыщожьэ. Тхы-             дэ­джхэм зэрыжаIэжымкIэ, урыс пащтыхьым и деж къулыкъу щызыщIэ адыгэхэм цейр ящыгъыну хуит ящIырт. Абы и щхьэусы­гъуэри къыхагъэщ: «Адыгэр и лъакъуэм щыщIэдзауэ и щхьэм нэс IэщэкIэ узэдами, ар апхуэдизкIэ екIуу и фащэм хэгъэзэгъащи, зы Iэщэр адрейм зэран хуэхъуркъым икIи ахэр зэжьэхэуэркъым. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ жэщтеуэ щащIхэм деж. Сэшхуэр салъэм илъщи — Iэуэлъауэ лъэпкъ ищIыр­къым, и фочыр фочылъэм илъщи — цIууркъым, лъахъстэным къыхэщIыкIа и лъейр, къаплъэным и фIалъэ лъакъуэхэм ещхьу, щабэу тоувэ, и шыр гъэсащи — щыщыркъым, и бзэращи — жиIэну зыхуей псори зы псалъэм къокI»

 

 

 Урысбэмбэт К

 

Ауэ цейм и «дыщэ лъэхъэнэр», дауи, илъэсищэм щIи­гъукIэ екIуэкIа Кавказ за­уэм и зэманрат. Зауэм и пэ къихуэ лъэхъэнэм адыгэхэр Кавказым щынэхъыбэ лъэпкът. Бжыгъэм и мызакъуэу, я зэ­хэтыкIэри, зыхуэпэкIэри, хабзэ зехьэкIэри нэхъыбэу зыубзыхур къэбэрдейхэрт, икIи а зэманым гъуэты­гъуейт адыгэбзэ зымыщIэ кавказырыс. Хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм я тхыгъэм къыщыбогъуэтыж дяпэ ита нэхъыжьхэр къы­зэрацIыхуу щыта шыфэлIы­фэр: «Абыхэм ящыщ зым и закъуэ тэтэр тIощI, я зы гуп цIыкIум — скиф гупышхуэ дыдэ ирихужьэжыфынущ». Абы къыдэкIуэуи, «нэхъ лъэпкъ гуапэрэ хамэм нэхъ хуэжумартрэ дунейм щы­гъуэтыгъуейщ».

 

Урысбэмбэт К

 

«Iэщэ-фащэ» псалъэм и зэхэлъыкIэм къегъэлъагъуэ адыгэм хахуагъымрэ даха­гъымрэ зэгуихыу зэрыщымытар. Цейр цIыхухъум и къалэнхэр игъэзэщIэным хуэ­гъэпсауэ щытщ: тыншу уегъэIэбэ, къыздумыхьэ­кIын­кIэ Iэмал имыIэ хьэпшыпхэр пкIэрегъэзагъэ, зэман кIыхькIэ шыбгым уисыныр псынщIэ пщещI икIи, зауэм ухыхьэн хъумэ, уи теплъэм, уи емыкIу къыщIэщы­ным утемышыныхьу уегъэзауэ. Абы и Iыхьэхэм хохьэ: езы цейр, гъуэншэджыр, джанэр, бгырыпхыр, щIа­кIуэр, бащлъыкъыр

 

Шыхъуэстэн И

 

Я гуапэу Урысбэмбэт Каринэрэ Бышэн Арианэрэ уэрэд фырагъэдэ1уэнущ.

 

 

4-нэ 1ыхьэ

Уэрэд «Адыгэ уафэ» (Урусбэмбэт К.,Бышэн А.) (сабийхэр къыдофэр)

 

5-нэ 1ыхьэ

 Шыхъуэстэн И

 

Хъан-Джэрий СулътIан итхырт: «Адыгэ цейм дахагърэ тыншагъкIэ къытекIуэн щыгъын Азием и мыза­къуэу, щIэныгъэм фIыуэ зыщиужьа, уегупсысмэ, кIыфIыгъэм хэт лъэпкъым елъы­тауэ, псори нэхъыфIу зыб­гъэдэлъын хуей Европэм нэгъуни щыслъэгъуакъым. Ар лIы нэсым и дамыгъэт, зыщыгъым и щхьэр лъагэу иригъэIэтрэ щыпкъагъыр къыпкъригъэщу. ЦIыхухъум щыгъыныр зэрыщытыпхъэу ибжым цейр апхуэдизкIэ техуэрт, къилъыхъуэ псор абы хигъуатэрти, XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм Кавказым ис лъэпкъ псоми ща­тIэгъэн щIадзащ. Абы Къэбэрдейр Кавказым унафэ щызэрихьэу зэрыщытри щхьэусыгъуэ хуэхъуащ. Ауэ абы фIэкIа хэмылъамэ, дауэ ар XIX лIэщIыгъуэм Куржыми, Азербайджанми, ермэлыхэм я дежи нэсынт?» Жэуапыр Де Бесс Жан-Шарль и деж къыщыдогъуэт: «Адыгэхэм я щыгъыныр сыт нэхъри нэхъыфIу шы тесынымрэ зауэ IуэхукIэ зекIуэ урежьэнымрэ хуэщIащ».\

 

Къалмыкъ Н.

Адыгэ цейр нэм зыкъы­щIэзымыдзэ фэхэм къыха­щIыкIырт: морэ, фIыцIэ, щхъуэ хуэдэхэм. Цей хужь езыгъэдыну хуитыр пщыхэрат, ауэ адыгэпщхэр апхуэдизкIэ цIыху зэпIэзэрыт­хэти, IэщэкIэ мыхъумэ, цIыху къызэрыгуэкIхэм фащэкIэ зыкъыха­гъэщ­хьэху­кIыртэкъым. Цейм и «псэр» дахэу къегъэлъагъуэ абы тхылъ псо тезыухуа Студенецкая Еленэ: «ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр цейм и бийщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэ­къуарэ Iэпкълъэпкъым шэ­щIауэ итIысхьэу, гъэщIэрэ­щIэкIэ хабзэхэр зэрыт гъунапкъэ зэвым къимыкIыу — апхуэдэт адыгэ цейм и дыкIэ мардэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр егъэлеяуэ зэкIуж щIэхъур».

Шыхъуэстэн И

Цейм и лъабжьэ щIэлъ   джанэр Iэпкълъэпкъым хуэфIу, бгым иувэу ядырт. И кIыхьагъыр цейр зыщыгъыр къызыхэкIам елъы­тат: нэхъыбэм сантиметрий-пщIыкIэ лъэгуажьэм къы­дэIэбейуэ къагъэувыIэрт, дин лэжьакIуэхэм ящыгъыр нэхъ кIыхьт. Джанэр зыгъэдахэ Iыхьэхэм ящыщт пщэм и лъагагъкIэ, сантиметриплI-хыкIэ дэкIуей пщампIэ лъагэ дытар. Джанэр и гупэмкIэ икIыхьагъкIэ щызэгуокI, и бгым нэс ар щIыIу цIыкIурэ щIыIунэ щхьэхуэхэмкIэ бопхэ, апхуэдэ дыдэхэр Iэм хуэ­фIу да Iэщхьэм итщ. Джанэм бгъэ жып хуащI хабзэщ, зыфIэфIым бгым и щIагъ-кIи нэгъуэщI жып щIедэ.

Урысбэмбэт К

Цейр, къапщтэмэ, Iэпкъ­- лъэпкъым хуэфIу да теубгъуэнщ (Щыгъынибгъу нэхърэ — теубгъуэн). Ар бгым деж Iузэ дыдэ щохъу, и гупэри и щIыбри псоуэ къыхах. И кIыхьагъыр лъэгуажьэм къыщегъэжьауэ сан­тиметрипщI-тIощIт зэры­хъур, ауэ ди лъэпкъыр муслъымэн диным ихьа нэужь, нэхъ кIыхь ящI хъуащ. И гупэм деж ар щIыIуищ-тхукIэ бопхэ, жып щIэткъым, и Iэщхьэхэр захуэщ, и кIы­хьагъыр Iэ бэлагъым фIыуэ фIокI. И тыншагъым и мызакъуэу, абы цIыхухъу Iэпкъ­лъэпкъым фэ къытригъа­уэрт, ар уэмыкIумэ, даха­гъэм и мардэхэр пIэщIэкIауэ ябжу. КуэдкIэ цейм и фIы­гъэщ дунеяплъэ гуэрым: «АдыгэлIым елъытауэ, дунейм цIыхухъуу тетыр лъа­гъугъуейуэ къыпфIощI», — щIыжиIар.

ЩIалэ цIыкIум цейр япэ дыдэу хуадырт илъэсипщI-пщыкIутI щыхъуам деж. Къэбэрдейхэр къызыхэкIа и лъэныкъуэкIэ лIакъуэ пщы­кIузу зэхадзми, дэтхэнэ зыми и цей дыкIэр адрейм къыщ­хьэщыкIыртэкъым, ауэ къызыхэщIыкIа щэкIым къулейр нэхъ хуэмыщIам къыхигъэщырт. Лонгворт Джон етхыж: «УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым нэхъыфI-нэхъ IейкIэ зэхамыдзу, псоми а зы щыгъын лIэужьыгъуэр зэращыгъыр. Абы адыгэ псоми зы унагъуэ къыхэ­кIауэ фэ къатрегъауэ».

Псом нэхърэ нэхъ лъэщыр цейр «пхуэфIыпсу» пщы­гъынрат. Нэхъ Iэзэу ябж дэрбзэр бзылъхугъэхэм зэ фIэкIа зыIумыплъа цIыху­хъум ирамыгъапщэу цей хуа­дыфырт.

 Шыхъуэстэн И

 Утыкур хуит худощ1 ет1уанэ классым и еджак1уэхэу Хьэ1упщы Идар, Нак1э Маирбек, Мэршэнкъул Эльдар сымэ. Къыдогъэблагъэр!

Л1ыжь къафэр ягъэзащ1эр. Щик1ыжк1э Каринэ же1э:

Дадэхэр къигъэфащ еянэ классым и еджак1уэ Гъуэтыж Заринэ.

 

Урысбэмбэт К

 Хьэзырылъэхэр цейм хэмытынкIэ Iэмал зимыIэ Iыхьэщ. Ар цIыкIу-цIыкIуу зэпыщхьэхукIа жып гупщ, пхъэм е къупщхьэм къыхэ­щIыкIауэ гынылъэ зырыз иIэжу. Гыныр къежьа нэужьщ ар цейм кIэрадэн щыщIадзар. Хьэзырхэр, нэхъ убгъуауэ жыпIэмэ, «шэ хьэзырхэр», зэман лей имы­гъэкIуэду шууейм и фочыр иузэдыну Iэмал иIэн щхьэкIэ щIауэ аращ. Хьэзырхэм я бжыгъэм теухуауэ къэса хъыбархэм жаIэр зэщхьэ­щокI, нэхъыбэр 8-мрэ 10-мрэ я зэхуакум (зы лъэны­къуэкIэ) къыщобжэ. Ауэ адыгэхэм зэпэмыбжыр нэхъ зэрафIэкъабылым къыхэ­кIыу, блым е бгъум нэхъ трагъащIэ. Абы къикIыр — лъэныкъуитIри зэхэту пщы­кIуплI е пщыкIуий мэхъу.

 Шыхъуэстэн И

Цейм къыпхугуэмыхьын Iыхьэу хэтщ абы щIэпха бгырыпхыр. Бгырыпхым сэшхуэр, кIэрахъуэр, къамэр, зэманым елъытауэ щыIэ нэгъуэщI Iэщэхэри кIэрагъэзагъэ. Къищынэмы­щIауэ, фочым узэреIэзэн Iэмэпсымэхэр: ар зэрызэ­фIэпIуэнтIыкIыну гъу­щIымрэ щыпхуэну дагъэмрэ. «Адыгэр шхэми жейми и Iэщэр кIэрыщIащ, — етх Хъан-Джэрий, — аращи, ар зэкъуэхуауэ къыпIэрыхьэнукъым. Къамэ ямыIыгъыу къэзыкIухьыр щIалэ цIыкIу дыдэхэмрэ лIыжьхэмрэщ». Хъан-Джэрий зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэ адыгэми къыздри­хьэкIырт бийр зэрипхыну кIапсэ, шэху уэздыгъэ, дыд, бгырыпх лей, жьакIэупс, джэбын. Сытми, дакъикъэ къэс лIэным хуэхьэзырт. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, нобэрей адыгэлIыр дыщэ сыхьэт­хэмрэ дыщэ Iэлъынхэмрэ игъэдахэмэ, пасэрейхэр зыгъэдахэр имычэзууэ кърамых «къамэ Iэпщэхухэрат

 

Урысбэмбэт К

Кавказ Ищхъэрэм ис бгы-рысу хъуами къэзакъхэми Къэбэрдейм я Iэщэ-фащэри, шы тесыкIэри, хабзэри зыхалъхьащ, — етх урысей этнограф Вейденбаум Евгениий, — абыхэм, замыгъэпсэхуу, къэбэрдей модэ щхьэ­зыфIэфIым темыплъэкъукIыу зыдрагъэкIу, зэманым къыкIэрымыхун щхьэкIэ».

XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм адыгэ цейр Кавказым къулыкъу IуэхукIэ щыIэ къэзакъхэм я фащэу къащтащ. Абы фащэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. Кавказым щекIуэкI зауэхэм заукъуэдииху, цейми кIуэ пэтми ищхъэрэкIэ, Урысейм и кумкIэ, кIуэтэн щIидзащ.

Ауэрэ адыгэ цейр Европэми нэсащ, революцэ нэу­жьым Урысейм иIэпхъукIа урыс офицерхэм я фIыгъэ­кIэ. Мыбдежым уигу къэб­гъэкIыжыну хуэфащэщ Париж щыпсэуа, «Адыгэ цей сщыгъыу сыщIэфлъхьэж», — жиIэу уэсят къэзыгъэна Хьэгъундокъуэ Константин.

 

 Шыхъуэстэн И

 Нобэ адыгэ цейр зыщы­гъхэм ящыщу дуней псом къыщащIэр Иордание пащтыхьыр зыхъумэхэращ. Ар къалэ­жьащ къэралыр зэ­фIэувэ­ным шыщхьэмыгъазэу хэта адыгэ мухьэжырхэм. Лъагэу адыгэ цейм и пщIэр яIэтащ лъэпкъым къыхэкIа адыгэ усакIуэхэми. Абыхэм язщ Мэш­бащIэ Исхьэкъ «Адыгэ цей» зыфIи­ща и усэ цIэ­ры­Iуэ Тезадэ Астемыр къыджи1энур

 

Тезадэ Астемир.

УэркIэ щIалэфIым и щхьэр лъагэщ,

Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужь,

И шы къарапцIэр иутIыпщмэ,

Шыгъажэм япэу ар къосыж.

Адыгэ пшынэм зиукъуэдиймэ,

Щауэм щыщ уохъури, укъоудж.

Жьым кърихьэкIым хуэдэу мафIэр,

Iэпкълъэпкъ узыншэр емылыджщ.

Уи бзыпхъэр пщащэм IэкIуэлъакIуэу

Нэхущ дыгъэпсым къыхихащ,

Биишэр къыплъэмыIэсыну,

Хьэзырхэр псысэкIэ гъэпсащ.

Дахагъэу щыIэр бдалъагъуну,

Къуршым дэкI лъагъуэхэр уи дыпIэщ.

Адыгэ шум уемыпцIыжыну,

Пэжыр уи гъуэгу зэхэгъэкIыпIэщ.

ЛIэщIыгъуэхэр зэкIэлъыбгъакIуэу,

Уэ фIымрэ Iеймрэ бгъэунэхуащ.

Гынымэр жьым къыбдрихьэкIыу,

Лъы защIи куэдрэ ухъуащ.

Шэм къимыгъазэу уэ ппхылъэтырт,

Гъуанэдэу Iэщи къыптехуащ.

Зигу фIыцIэм уэркIэ зыщIихъумэу,

Тхыдэ гъунэгъум къыщыхъуащ.

Уэ си лъэпкъышхуэм ухуэфIыбзэщ,

Шыщхьэмыгъазэр уогъэпэж.

Бащлъыкъыр дамэм хуэдэу пIэту,

Бийм и гурыгъыр ибогъэж.

Ауэ щIалэфIым и щхьэр лъагэ,

Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужькIэ?

И шы къарапцIэм зиукъуэдийуэ,

Шыгъажэм япэу къыщысыжкIэ?

Уэ лIыгъэм щауэр хубогъасэ,

Бгъэм хуэдэу уардэу шыбгым фисщ.

Уи бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами,

Зэры-Кавказу ухуэфIыпсщ.

 

Урысбэмбэт К

Кавказ псом ис лIыхэм зэрахьэ пыIэ. КъызыхэщIыкIар мэлыцыращ, нэхъыбэ дыдэу къыпIущIэр фIыцIэу, хужьыу, щхъуафэу. ПыIэм и инагъыр зэщхьэщыкIт: и кIуэцIыр куууэ е чэнджыу щытт.

 

Шыхъуэстэн И

 

Балигъ хъуахэмрэ жьы хъуахэмрэ я фащэ зехьэк1эр зэщхьэщок1. Зи ныбжь хэк1уэтахэм я 1эгъуапэхэр к1ыхьу, я 1эпхъуамбэхэр щ1ихъумэу ящыгът. Абы къигъэлъагъуэт ахэр зек1уэ зэремыжьэр,зауэхэм зэрыхэмытыжыр.Зек1уэ,дзэ 1уэхухэм хэт л1ып1э иува ц1ыхухъухэм я 1эгъуапэр 1эфрак1эм нэс драгъэджэрэзейт, зэран къахуэмыхъун папщ1э.

 

Урысбэмбэт К

Фащэм и нэхъыщхьэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ щ1ак1уэр.Зек1уэ ежьэхэм арп 1эмал имы1эу къызэдащтэрт. Абы щ1ы1эми, хуабэми,уэшхми,уэсми ущихъумэрт. Ар псынщ1эщ,быдэщ ик1и зепхьэну тыншщ.Дамащхьэм ф1элъу аращ. Кавказым щыщ лъэпкъхэм щ1ак1уэм пщ1эшхуэ хуащ1у,иригушхуэу щытщ.

 

 

Шыхъуэстэн И

 Утыкур хуит яхудощ1 ебланэ классым и еджак1уэхэу Кърымыкъуэ Маринэ,Шорэ Синамис, Бэч Лаура, Гъудэ Даяна сымэ.

УЭРЭДЫР ПИАНИНЭК1Э

Урысбэмбэт К

 Щхьэж и зэф1эк1  и къулеягъ теухуауэ фащэхэри ирагъэдт.Ц1ыхухэм щэк1ыр европэм , къуэк1ып1э жыжьэхэм щэк1хэр кърагъэхт.Ц1ыхубз фащэм метритху щытек1уадэ щы1эт. Пщащэм и дэк1уэгъуэ щыхъуам деж.,абы 1эмал имы1эу фащэ да хьэзыру щалъу и1энт хуейт

 

Бышэн Милана

 

Упщ1эм ц1ыхубзхэм вакъэ къыхухащ1ык1ыу арат.Пщы уэркъхэм я пхъухэм хурагъэщ1у щытащ пхъэ вакъэхэр. Ахэр къыхахт пхъэ быдэхэм: зейм,кхъужьейм,дэшхуейм. Апхуэдэ вакъэхэр ц1уугъэнэк1э ягъэщ1эращ1эт,абы зэритри лъэхъстэн вакъэ хъурей щабэт. Пхъэ вакъэхэм я мыхьэнэхьэ нэхъыщхьэр,бзылъхугъэр мылъэбакъуэхъу,ц1ыхухъу зек1уэк1эу щымыту,лъэбакъуэ щабэу щытынырат, зек1ук1э дахэ и1энрат. А псом къыщынэмыщ1ауэ ахэм къагъэлъагъуэт пщы уэркъым къызэрыхэк1ар.П

щы уэр

Урысбэмбэт К

Пщащэм и щхьэм телъын хуейуэ адыгэм къилъытэт: IэлъэщIыр, пыIэцIыкIухэр, щхьэм хэплъхьэ гъэщIэрэщIэныгъэхэр. Къулей унагъуэхэм щыщ пщахэм япэ сабийр къэмыхъу щIыкIэ зэрахьэу щытащ дыщэ пыIэцIыкIухэр, гъэщIэрэщIауэ щытт ахэр дыжьын хъурейцIыкIукIэ, мазэныкъуэ теплъэкIэ, и нэхъыбэми бзу цIыкIу тест. Къыхэгъэщыныпхъэщ, адыгэ хъыджэбзым и щхьэм телъымкIэ къызэращIэтэр зэрыт ныбжьыр. Хъыджэбз цIыкIур хуитт и щхьэм зыри тримылъхьэныу, ауэ и щэгъуэ щынэсым зытрилъхьэныу хабзэт дыщэ пыIэцIыкIур. ПыIэр зэрихьэт пщащэм япэ сабийр къыхуэмыхъухукIэ.

 

Къэндрокъуэ М.

 Лъэгуанжьэм нэмысыпэу щытщ джанэр, и теплъэкIэ босцейм ещхьщ, ауэ и бгъэр зэхуэщIащ, абы пэмыщIыу дыжьын щIыIунэ къуом кIэрыдащ бгъэм. Джанэр къыхащIыкIт хъыдан Iувхэм — шылэ Iуданэм, къэдабэм, итIанэ ягъэщIэращIэт дыщэ IуданэкIэ. Джанэр и нэхъыбэм босцейр темылъыу зэрахьэт.

 

. Дыщэк1 А.

 Бгырыпхыр щатIагъэу щытащ джанэм е босцейм и гущIыIукIэ. Бгырыпхыр къыхэщIыкIат дыжьыным, гъэдэхат мыщIэ зэщымыщхэмкIэ. Зэв дыдэу икъузт пщащэм и бгыр. Бгырыпхэр XIX лъэщыгъуэм нэсыным куэд имыIэжыу ящIыу щIадзащ псыгъуэу икIи нэхъ дахэу. Зы лъэщыгъуэ нэхъ темыкIыу ящIыу щIадзащ зэпыбгъэувэу бгырыпхыр,  апхуэдэ къабзэу дыжьыным къыхэщIыкIауэ.Дыжьыным къыхэщ1ык1а бгырыпххэр куэдым зыщ1алъхьэтэкъым,ауэ хьэгъуэл1ыгъуэм е нэгъуэщ1 гуф1эгъуэ 1уэхугъуэхэм къащтэу,щылъу я1эт.

Урысбэмбэт К

Хъыджэбзхэм фащэм къыщынэмыщ1ауэ абыхэм я щ1элъын пхъэм къыхэщ1ык1а папц1э ц1ык1уурэ щыт куэншыбэм и 1эпкълъэпкъыр нэхъ дахэж ищ1т. И бгъэр мыину, бгыр псыгъуэу,захуэу щытынымк1э ар сэбэпышхуэ хъурт .Куэншыбэр сыт щыгъуи ц1ыхубзхэм ящ1элът,зыщагъэпск1к1э ф1эк1а щыжейк1и зыщ1ахыртэкъым. Ар нэхъыбэу зезыхьэу щытахэр уэркъ унагъуэм къыхэк1а пщащэхэрт, ари л1ы дэк1уэхут. Тхыгъэ щхьэхуэхэм  къызэрыхэщыжымк1э, къулейсызхэм ар ящ1элъыну хуит ящ1у щытакъым. Иужьк1э ар щэк1 1увым къыхащ1ык1ыурэ я бгым щ1апхэрт,ауэрэ ари иужьк1э  к1уэдыжащ.

 

Ди утыкум къыдогъэблагъэ езанэ классым и еджак1уэ ц1ык1у Унэл1окъуэ Самира.

 

усэ  «Фащэ»

Хьэкъун Ф.

 1эгъуапэ фIэлъхьэр кIыхьыу къелэлэхыу, хуабжьу къулейуэ гъэдэхауэ щытщ, дыщэ IуданэкIэ хэдыкIауэ тхыпхъэщIыпхъэхэр.

Босцейр щытт  кIыхьыу, и бгъэр зэIухауэ, и Iэгъуапэхэр бгъузэу, и Iэхэм и деж шынэскIэ бгъуэ хъууэ. Босцей дахэхэр къыхадыкIт щэкI лъапIэхэм: шылэ Iуданэ, къэдабэ. Адыгэ фашэм и теплъафэр зэтеубыдауэ щытт. Зэи къащтэтэкъым удзыфэ, щхъуантIафэ, нэхъ къагъэсэбэпыу щытащ хужьыфэ, плъыжьыфэ, фIыцIафэ, къуэлэн хъыданхэр. Бахуцейм и кIапэхэри и бгъухэри къэдыхьауэ щытт дыщэ IуданэкIэ.

 

Мамхэгъ А

 

ЩIагъ щIэлъ джанэм и Iэгъуапэхэр зэвыу щытщ и Iэм нэсыхункIэ, джанэм и кIыхьагъыр лъэдакъэм нэс нос. Къулей унагъуэхэм щыщ пщащэхэм джанэр къыхухадыкIыу щытащ хъыдан лъапIэхэм. И теплъэр хужьыу, плъыжьыу, гъуэжьыу щытт джанэр. Апхуэдэ джанэм и Iэгъуапэр кIыхьыу, хьыджэбзым и Iэр игъэпщкIуу щытт

 

. Шыхъуэстэн И

 

Ди адыгэ Хэкум , ди бзэ дахэу адыгэбзэм теухуа усэхэм езанэ классым шеджэ еджак1уэ ц1ык1ухэу Дуду Аслъэн, Тау Алихъан, Аделинэ сымэ дырагъэдэ1уэнущи къыдогъэблагъэ 1эгуауэк1э

 

 

Усэхэр «Си лъахэ» ,»Ди Хэкур», «Адыгэбзэ».

 

Урысбэмбэт К

ЩIалэгъуа­лэм нобэ ебгъэлъа­гъуращ пщэдей къызэрыпхуэупсэжынури, пщIэуэ, нэмысу яхэплъхьэращ езыхэм къагъэ­лъэгъуэжынури

 

 Шыхъуэстэн И

Тезадэ Астемыр утыкур хуит худощ1.

«Мазэгъуэ жэщ» уэрэд егъэзащ1э.Уэрэдым къыдофэхэр Алина,Фаридэ,Заринэ сымэ.

 

 

Дуду А.

 

ЩыфтIагъэж, цIыхухэ, адыгэ фащэр,

Адэжьхэм зэрахьэу щытар.

Iэдэб хъужынщи адыгэ пщащэр,

Къытхыхьэжынщ псэ тхэтар.

 

 Нак1э Арианнэ,Ержыб Милина, Зыгъэзэж Аделинэ сымэ хъуэхъу усэр жа1эри,

удж к1э нэтыныр зэхудощ1ыж.

 

IMG-20160118-WA0002

 

Обсуждение в настоящее время закрыто, но вы можете послать trackback с Вашего собственного сайта.

Решаем вместе
Есть предложения по организации учебного процесса или знаете, как сделать школу лучше?