Адыгэбзэ литературэр къызэрапщытэ лэжьыгъэ

Ебланэ классым адыгэ литературэр къызарапщытэн лэжьыгъэ.
Тесты для проверки знаний учащихся по кабардинской литературе в седьмом классе.
Автор учительница кабардинского языка и литературы Битова М.Г.

 7 класс -литературэ

Тестхэр

  1. 1.    Адыгэ 1уэры1уатэм и жанр нэхъыщхьэр сыт?

а)псынщ1эрыпсалъэхэр            в)нарт эпосыр

б)къуажэхьхэр                              г) псалъэжьхэр

  1. 2.    Сыт хуэдэ пшыналъэ къызыхэщыр мы псалъэхэр:

« Нартхэ я бжыщхьэ дыкъуакъуэр и уанэгум къридзэщ,

Шхуэмылак1эри 1эщ1игъэзщ,

Вагъуэбдзумэ пщык1ут1ыр блыпкъыпэк1э иригъавэщ…»?

а) «Ашэмэз и пшыналъэ»

б) «Сосрыкъуэрэ Т1от1рэшрэ я пшыналъэ»

в) «Батрэз и пшыналъэ »

  1. 3.    «Аргъуей ишх хуэшхтэкъым» — жихуи1э псалъэхэр сыт хуэдэ троп зыхыхьэр?

а) гиперболэ

б)метафорэ

в) литотэ

  1. 4.    Таурыхъ нэщэнэ къызыхэщыр сыт хуэдэ пшыналъэ?

а)«Батрэз и пшыналъэ »

б) «Сосрыкъуэрэ Т1от1рэшрэ я пшыналъэ»

в)«Ашэмэз и пшыналъэ»

  1. 5.    Бэдынокъуэ зэзэуар сыт хуэдэ лъэпкъ?

а)нартхэм

б)чынтым

в) испхэм

  1. 6.    «Щолэхъупщ и уэрэдыр» сыт хуэдэ уэрэд л1эужьыгъуэ зыхыхьэр?

а) ц1ыхубэ уэрэд

б)л1ыхъужь уэрэд

в) тхыдэ уэрэд

  1. 7.    Гъуэгу теувэм сыт хуэдэ хъуэхъу-сэлам ирахыр?

а) гъуэгу махуэ

б)гъуэгуф1ыж апщий

в)дыздижьэ апщий

  1. 8.    «Си анэдэлъхубзэ, зэкъым уэ губгъэну

Зэрыпхужа1ахэр нэху къыптемыщхьэну,

Жа1эрт убзэхыну,жьым зэрихьэ бгъэну,

Къалэк1ыхым адк1и сыф1умышыфыну.» пычыгъуэр сыт хуэдэ усэ къызыхэщыр?

а) «Псынэ»

б) « Анэдэлъхубзэ»

в) « Лъэ1у» 

  1. 9.    Адыгэ лъэпкъым и 1эпкълъэпкъ пщык1ут1ыр къызыхэщыр усэр зытхар хэт

         а)Бемырзэ М.

         б)Щоджэнц1ык1у 1.

         в)Ацкъан Р.

10 Анзор М и повестым зэреджэр сыт

а)»Атэлыкъым и л1эужь»

б)»Гъащ1эм и дерс»

в)»Сабий»

 

11.Хэт мы псалъэхэр зейр  «Сэ къысхуэгъэзауэ жыф1а щытхъу псалъэ къэс у си гум шабзэшэу пхрык1ащ.Хьэуэ-хьэуэ!Хьэуэ!  Фымып1ейтей!Си жагъуэ фщ1ыну фызэрыхуэ

мейр сэ сщ1эркъэ? Ф1ы дыдэу сощ1э! !уэхур зытетри къывгуры1уэнщ,фымып1ащ1э закъуэмэ! Сэ гукъеуэ си1эщ.

а)Исмел                                                                                      

б)Мысост

в)Чэрим

12.Сыт хуэдэ хабзэ мы повестыр зытеухуар?

а)Хьэщ1э гъэхьэщ1эным

б)Атэлыкъ хабзэм

в)Сабий гъэсэным ехьэл1а хабзэхэр

13.Сыт хуэдэ тхыгъэ  къызыхэщыр унагъуэм щек1уэк1 хабзэхэр,хьэщ1эщым щек1уэк1 хабзэхэр,щ1эблэм зэрахьэ хабзэхэр ? Хэт зытхар?

 

 

 

а)»Имыхабзэу щыуат» Хъупсырокъуэ Хъ.

б)»Псы къиуа» Елгъэр К.

в)»Гъащ1эм и дерс» К1эрашэ Т.

14.Сыт хуэдэ дерс кърита щ1алэ удэфам зыхуэза л1ыжьым?

а)Ц1ыхур ц1ыхуу щытын зэрыхуейр

б)Ц1ыхур нэмысыншэу щытын зэрыхуейр

в)Ц1ыхур бзаджэу щытын зэрыхуейр

15. Хьэту П и тхыгъэр сыт хуэдэ жанр зыхыхьэр?

а)Рассказ

б)Новеллэ

в)Повесть

16. Пщэху зэзэуа псэущхьэр сыт?

а)дыгъужь                б)мыщэ                в)кхъуэ п1ащэ

 

16. «Напэм япэ псэр ихуэ» псалъэжьыр  зыхуэк1уэ тхыгъэр сыт хуэдэ?Хэт зытхар?

а)К1ыщокъуэ А «Усэ къарук1э бийр бгъэсу»

б)Мыкъуэжь А «Псалъэ жагъуэ»

в)Нало З «Ц1ыху напэ»

17. Сыт хуэдэ жанр зыхыхьэр Нало З и «Ц1ыху напэр»?

а)усэ           б)балладэ             в)сонет

  1. 18.                      К1ыщокъуэ А и сыт хуэдэ усэ Щоджэнц1ык1у А и фэеплъу итхар?

а)» Сэлэт шырыкъу»      б)»Усэ къарук1э бийр бгъэсу»    в)» Сабий»

 

19. К1ыщокъуэ А и «Гъуэгу къежьап1э усэр» зэрытхар сыт хуэдэ усэ гъэпсык1э л1эужьыгъуэ ? 

а) дактиль           б)ямб            в)хорей

20.»Имыхабзэу щыуат» тхыгъэм къыхэщ образ нэхъыщхьэр хэт?

 а)Жэмзар        б)1эмин        в)Къэралбий

21.Жэмзар сыт хуэдэ ц1ыхут?

а)бзаджэщ       б)пц1ы1уэпц1ышэщ      в)ц1ыху пэжщ

22.1эмин сыт хуэдэ ц1ыхут?

а)хэкум епц1ыжащ    б)ц1ыху пэжщ     в)хьилэшыщ

23.Жэмзар дауэ ипшыныжа зэрыщыуар?

а)хэкум ик1ащ       б)и псэр итащ    в)зигъэпщк1уащ

24.1эмин пэщ1эбгъэувэн сыт хуэдэ литературнэ л1ыхъужь фыщыхуэзэрэ мы тхыгъэм?

а)Къэралбий      б)Куракин     в)Жэмзар

24.1эмин Жэмзар нэмыцэхэм ядэ1эпыкъуну къыщепсалъэм сыт Жэмзар игу къэк1ыжу 1эмин жри1эжар?

а)Хъыбар    б)Таурыхъ      в)Шыпсэ

25.Жэмзар и хьэдэр хэт къэзыгъуэтыжар?

а)Партизанхэм     б)Нэмыцэхэм    в)И къуажэгъухэм

  1. 26.                      Жэмзар ныбжьэгъу пэжу и1ар сыт?

а) Хьэр     б)Шыр    в)Шыдыр

27.Сыт хуэдэ жыгым и лъабжьэ Жэмзар и хьэдэр зыщ1алъхьар?

а)Бжей       б)Тхуей      в)Жыгей

 

 

28.Псы къиуам и къарур къызыхэщыр сыт хуэдэ тхыгъэ?

а)Брат Хь «Лъэпкъым и къуэпсхэр»

б)Елгъэр К «Псы къиуа»

в)К1эрашэ Т «Гъащ1эм и дерс»

29.Сыт хуэдэ лъагъуныгъэ мы тхыгъэм къыхэщыр?

а)Анэ лъагъуныгъэ

б)Хэкум хуи1э лъагъуныгъэ

в)Бын лъагъуныгъэ

  1. 30.                      Сыт хуэдэ усэм къыхэха мы 1ыхьэр?

Ц1ыхуншэ зэи мыхъум гъуэгур,

Уэсыщ1эр щ1эпсэлъык1ым лъэгум,

Уэнжакъым 1угъуэр щхьэщымык1ым,-

Апхуэдэ фыгъуэм хэт блэплъык1ыр?

а)Уэрэзей А «Нэгъуэщ1 насыпу сыт сыхуей?

б)Хьэх С «Къурш псынэм и уэрэд»

в)Къэжэр Хь «Щ1ыр щ1эхъейр»

  1. 31.                      Брат Хь къыщалъхуа гъэхэр

а) 1902-1988        б)1937-1992       в)1930-2002

  1. 32.                       Брат Хь и «Лъэпкъым и къуэпсхэр» тхыгъэм къыхэщ образ нэхъыщхьэр хэт?

а)Мурадин      б)Мухьэрбэч      в)Мадинэ

  1. 33.                      Хэт и уэсят Мадинэ игъэзэщ1ар?

а) и адэм      б) и  тхьэмадэм       в) и щхьэгъусэм

  1. 34.                      Шэджыхьэщ1э Хь и рассказым зэреджэр сыт?

а)»Къуэрылъху»    б) «Лъэ1у»     в) «Псалъэ жагъуэ»

  1. 35.                      Рассказым къызэрыхэщымк1э, сыт Гуащэхъан и бынхэм къращ1ар?

а)Къуажэм къыданащ     б)Жьы хъуахэр щап1ыж унэм иратащ

в)Зрашэл1эжащ

  1. 36.                      Хэт Гуащэхъан зэзышэл1эжар?

а) И къуэм     б) И пхъум     в)И къуэрылъхум

  1. 37.                      Жылау А макъамэ зыщ1илъхьар хэт и усэ, зэреджэр сыт?

а)Щоджэнц1ык1у  1 «Анэдэлъхубзэ»

б)Бемырзэ М «Уадыгэным къик1ыр»

в)Мыкъуэжь А «Гущэкъу уэрэд»

  1. 38.                      «Къандыгъэ и бжьыхьит1» рассказыр хэт зытхар?

а)Мыкъуэжь А         б) Джэдгъэф Б       в)Къэрмокъуэ М

  1. 39.                      Хэт Къандыгъэ и унэц1эр ?

              а) Къатинэ           б) Къардэн               в) Къумыкъу

  1. 40.          « Хъуащ хабзэ: лъэпкъхэр зэрызекъуэу

           щ1адзамэ, занщ1эу щ1ыр мэхъей.

                         Ар къызыхэк1ым сегупсысу

                          Нэху мэщыр, семызэгъыу жейм»  сыт хуэдэ усэм къыхэха мы пычыгъуэр?

                а)Хьэх С         б)Тхьэгъэзит З       в)Къэжэр Хь

     41.Сыт хуэдэ тхыгъэм къыхэха  мы пычыгъуэр? Хэт зи 1эдакъэщ1эк1ыр?  «Абдежым сигу къэк1ыжащ Т1ат1ым. Ди хьэблэ л1ыжьыр. Сытым хуэдиз псалъэ дахэ къызжи1эрэ абы!» 

           а)Мэзыхьэ Б «Дыгъэр зэрыунк1ыф1ар»

            б)Къумыкъу М «Сабийхэр щым щыхъум»

            в)Хьэх С «Къурш псынэм и уэрэд»

  1. 42.          Хьэх С   итха   усэу  зауэл1ым л1ыгъэр къыхэзылъхьэр къызыхэщыр  сыт хуэдэ  ?

а) «Бжьыхьэ уэф1»       б) « Ц1ыхухэр зауэм щыужынт

               в) «Си гъэмахуэ»                 

  1. 43.          Щ1акхъуэм и уасэр зымылъытэ ц1ыхухэм ещ1эн хуейр къызыхэщ тхыгъэр , зытхар?

 а)Уэрэзей Афлик «Пщэдджыжьым»       б) «Къэрмокъуэ М «Щ1акхъуэ 1ыхьэ»      в)Брат Хь  «Лъэпкъым и къуэпсхэр»

 44.Тхьэгъэзит З и   сыт хуэдэ усэ мы пычыгъуэр къызыхэхар?

«Къыхеху бахъэр уэру щ1ым,-

Зэхок1 гъэрэ щ1ырэ.

Уэс к1экъинэр-

Хъуауэ щым-

Магъыр, макъ имыщ1у.»

а) «Гъатхэ»       б) «Щ1ыр мэлажьэ»    в)»Адыгэ пшынэ»

45.Тхьэгъэзит З и «Адыгэ пшынэ» усэм  къыщыгъэсэбэпа 1эмалхэр 

а) Къэгъэпсэуныгъэ      б)метафорэ     в) эпитет

46.Тхьэгъэзит З и усэхэм щ1ыр анэ бгъафэм щригъапщэр сыт хуэдэра?

а) «Адыгэ пшынэ»      б) «  Щ1ыр мэлажьэ»       в) «Гъатхэ»

  1. 47.                      «Адыгэ цей» усэр зытхар хэт?

а)Бицу А         б)Мэшбащ1э И        в)К1уащ Б

  1. 48.                      Мэшбащ1э И «Насып» усэр зэрытха пщалъэр гъэбелджылы

а) ямб        б) хорей    в) дактиль    г) анапест     д) амфибрахий

  1. 50.                      Сытым иригъэщхьрэ насыпыр Мэшбащ1э И ?

а) унащхьэм     б) к1уэц1рык1ыбжэм   в) сэрейм

  1. 51.                      Мэшбащ1э И и «Адыгэ цей» усэр зэзыдзэк1ар хэт?

         а)Уэрэзей А      б) Ацкъан Р      в)Хьэх С

  1. 52.          «Ямыпсыхьу къэна куэпкъырщ

Сосрыкъуэ и1ар л1ап1эу.

Си анэдэлъхубзэу лъап1э,

Уэ ул1эжмэ-

Л1эжащ лъэпкъыр!» Хэт зытхар ?

         а) К1ыщокъуэ А      б) К1уащ Б      в) Бицу А

   53.Бицу А и усэ «Си  анэдэлъхубзэр» зэрытха жанрыр гъэбелджылы

а) лирикэ дыдэ       б) повествовательнэ лирикэ    в) гупсысэ лирикэ

54.  Бицу А.     усэр зэрытха пщалъэр?

а) анапест     б) хорей     в) дактиль    д) ямб

55. Усэм къыщыгъэсэбэпа 1эмалхэр убзыхун

а) эпитет    б) метафорэ    в) псалъэжь

Лэжьыгъэр зыгъэхьэзырар 11-нэ курыт еджап1эм и егъэджак1уэ Быт1э Маринэщ

Обсуждение в настоящее время закрыто, но вы можете послать trackback с Вашего собственного сайта.

Решаем вместе
Есть предложения по организации учебного процесса или знаете, как сделать школу лучше?